Бжьэ зэмыуам фом и уасэр ищӏэркъым
Гузэвэгъуэр ныбжьэгъу зэхэгъэкӏыпӏэщ
"Къысхэхъуащ" жыпӏэу ущымыкӏ, "сӏэщӏэкӏащ" жыпӏэу умыгъ
"Жаӏащ" жыпӏэу умыщӏэ уримыпсалъэ
Выгум ис пэжыр, шыгум ис пцӏым дожэф
"Уи адэр шхын щхьэкӏэ лӏащ" жаӏэу щрахъуэным, "Игъуэту лӏа?" къажриӏащ
Выжь зэужьым дыхьэкӏэ шауэ напщӏэ икъутэкъым
Выр жьы хъумэ шкӏэм хаутӏыпщхьэж
Аргъынэ кӏыхьыр и жагъуэщ, шынакъ кӏыгъуанэр и щӏасэщ
"Пащӏэр сэ къызихьэлӏащэрэт" жиӏащ фадэм
"Акъыл уэстын, хьэмэрэ былым уэстын?" - щыжиӏэм, "Акъыл къызэти, былым сэ къэзгъуэтыжынщ", жиӏащ
Бий наӏуэм пэуви, бий щэхум зыщыхъумэ
"Нэчыхьым сигу щыкӏащ" жиӏащ куэдрэ яшэурэ кърагъэкӏыжа пасэрей пхъужьым
"Ажэр зыдыгъуам ажафэ техыгъуэм сыкъищӏэнщ" - жиӏащ зи ажэ ядыгъуам
Вы хъунур шкӏэ щӏыкӏэ уощӏэ
"Си пщылӏыр къэкӏуэжмэ, си щхьэр мафӏэм къыхихыжынщ" жиӏэурэ пщы щхьэхынэм мафӏэм зригъэсыжащ
Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ
Бэр зэщӏэхъаем щӏыр къагъэхъей
Анэгур мыгъуэщи бын мыгъуэр ӏэфӏщ
Выжь и махуапщӏэ выщӏэ и уасэщ
Бейм тепсэлъыхьурэ, тхьэмыщкӏэм и уэздыгъэр ес
"Сыт ищӏа?" жаӏэ мыхъумэ, "Сыт ишха?" жаӏэкъым
"Сэ бзаджэ къэзылъхуи, уэ делэ къыулъху" жиӏащ
Анэм и гъуапэр пхъум и джанэщ
Страницы:
1